Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Читать онлайн.
Название Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Автор произведения Зарина Саадуловна Канукова
Жанр
Серия
Издательство
Год выпуска 2024
isbn



Скачать книгу

«щӏилъхьэжащ» лӏым и хьэдэр. Пэжщ, кхъащхьэр къыхэгъэщакъым, къыпхуэгъуэтыжынукъым ар зыщӏэлъыр, ауэ хьэкӏэкхъуэкӏэм я ӏус хъуакъым. Хэти къилъыхъуэжын, зыпхъу закъуэ фӏэкӏа къыщӏэмынамэ…

      Дысэ игу зыхупихыр а зыпхъуращ – Улэщ. Сымаджэу къыхуэкӏуэхэмрэ зи щхьэ къыхуэзыгъэтӏылъхэмрэ гущӏэгъу яхуищӏыныр и «лэжьыгъэм» къриубыдэкъым. Атӏэ щхьэ ядэӏэпыкъурэ? И пэшэгъухэм къыхуадэкъыми… Дысэ а нэрымылъагъу дэуэгъу-дэӏэпыкъуэгъухэм ягурыӏуащ езыр псэуху ядэлэжьэну, Улэ ӏэзэгъуазэ ӏуэху хамышэну. Зэгурыӏуа? Абыхэм уазэрыгурыӏуэфынум хуэдэу ягурыӏуащ – тхьэрыӏуэ къапыпхынукъым, ӏэщым ещхьу къыпхуэгъэдэӏуэнукъым, ауэ, арэзы къыбдэхъуамэ, зыкъыуагъащӏэ. Дысэ сытри идэнут, Улэ псэукӏафӏэ хъуну ищӏэмэ.

      Улэ къэзыцӏыхухэм къытраӏуэрт и анэм ещхьу ӏэзэ хъужыну, абы шэч къытрахьэртэкъыми, къыхузэщӏэплъырт, сытым щыгъуэ къытещыну пӏэрэ зэрыӏэзэр, жаӏэу. «Къыбдалъхуар пкӏэрыхуну сытолажьэ», – жиӏауэ щытащ зэ Дысэ, хъыджэбз цӏыкӏур сымаджэ къыӏэщӏэхъуати. Хъужащ, къэтэджыжри еджэным пищащ. Ауэ, къыдалъхуар зэкӏэ тригъэкӏуэтами, кӏуэдыпэнутэкъым… Улэ илъэс пщыкӏутхум щихьэм зричащ, зилъэщӏащ, зы илъэс дэкӏыжри, мо псыгъуабзэу щытам блэкӏар къыхуеплъэкӏыжу лы къищтащ, и нэгум ущызэкӏэщӏэплъу, и ӏэпкълъэпкъыр лантӏэу, езыр щабэу теувэу, лъэбакъуэ зэврэ ужьэ кӏуэкӏэу. Хъыджэбзу жылэм дэсым Улэ нэхъ дахэ яхэттэкъым. Щӏалэ балигъхэм я плъапӏэт, зи балигъ хъугъуэхэри къыкӏэлъыплъырт. Сэлсэветым щӏэс Бэрий ӏэшэ нэгъунэ къытехъуэпскӏыхьырт. Мы ӏэзэм къилъхуар уэркъыпхъу фӏэкӏ пщӏэнкъым жаригъыӏэу, пщэхунапэхут, шэкӏэ зэщӏатхьэщӏам хуэдэу. И нэгум хуиту псори къиплъэми, хъыджэбзым и ӏэпкълъэпкъым щыщ къыщӏигъэщыну фӏэфӏтэкъым.

      Ятӏэ гуэлым кӏуэрти зигъэпскӏырт Улэ. Щӏалэхэр зытемыгушхуэным тегушхуэрт: гуэлым зэпрысыкӏырти къызэпрысыкӏыжырт. Ӏэшэлъашэм ис зы цӏыхубзи игу къэкӏынутэкъым ятӏэ хущхъуэм щыщ зыщихуэу гуэл ӏуфэм ӏусыну. Улэ абыи тегушхуэрт, арауэ къыщӏэкӏынт и щӏыфэр щӏэкъабзэр, и къупщхьэ зэрытыпӏэхэр быдэу, и ӏэпкълъэпкъыр лантӏэу къыщӏэхъуар. И ныбафи, и шхужьи, и бгъэхэми, и ӏэ-и лъи, и напи зэщӏицӏалэрти куэд лъандэрэ гъэпщкӏупӏэу иӏэ удз ӏувым и кум хэтӏысхьэжырт. Зыкъомрэ зэфӏэсщ, итӏанэ и лъакъуэ кӏыхьитӏыр щӏиукъуэдиикӏауэ, дыгъэм ӏэплӏэ хуищӏыну зиший нэхъей, и ӏитӏыр зэкӏэщӏэхарэ ӏэтауэ мэтӏыс. Гуащӏэр игъэбагъуэу зыгуэр къахьэс нэбзийхэм хъыджэбзым деж. Ауэрэ зеукъуэдийри, цӏыху зытримыгъаплъэ и ӏэпкълъэпкъ хужь зэкӏужыр гуапэу къытелъэщӏыхь дыгъэм хуит хуещӏ. И нэр зэтепӏами, напӏэм кӏуэцӏрыплъурэ дыгъэм еплъу щылъщ… Щылъщ, щӏым къызэрыхэкӏар ищӏэу, щӏым зэрыщӏыхьэжынуми щыгъуазэу. А тӏум я зэхуаку напӏэдэхьеигъуэм щыгуфӏыкӏыу, фӏыгъуэу абы хэлъыр зыхищӏэу…

      И ныбэм къихъуэну сабийм егупсыст, ар и нэгу къыщӏыхьэрти, щыӏэу имыщӏа гурыщӏэ гуэрхэр къыпкъригъэшасэрт. Зэгуэр иӏэну сабийр иджыпсту зыхищӏэрт гъащӏэм пызыщӏэ къуэпс лъэщу. Улэ зыхэтыр езыр-езыру къакӏуэ гупсысэ ӏэфӏщи, адэкӏи зишэщӏти, сабийм и адэр «илъагъут», лӏыр къыздикӏыну лъэныкъуэр ищӏэрт. И нэгу