Название | Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс |
---|---|
Автор произведения | Зарина Саадуловна Канукова |
Жанр | |
Серия | |
Издательство | |
Год выпуска | 2024 |
isbn |
– Мырелъ мыбы и дунейр! Сыт иджы сэ уэ уэсщӏэнур? Хъыджэбз хьэщӏэ цӏыкӏур щӏепшэжьар сыт, пхузэрызудынщ уи лъакъуэр, – жаӏэ хабзэр жиӏащ.
Щӏалэ цӏыкӏум зригъэгъэпскӏыжщ, щыгъын къабзэ щригъэтӏагъэри, итӏанэщ гу щылъитар зэрымыпсалъэм. Тхьэмахуэкӏэ цӏутӏ жиӏакъым, пщӏантӏэми дэкӏакъым.
Дысэрэ Нэхунэрэ я унэхэр зэпэщытщ. Нэхунэ, ар и ӏэщӏагъэщи, зэпымыууэ цым йолэжь, и къуэрылъхур епӏ, ирегъаджэ. Упщӏэ алэрыбгъухэмрэ лэгурыбгъухэмрэ я зэманыр икӏащ, иджы къащэхур ковёрщ. Зылъэкӏым и ковёрыр хэплъыхьащ, блыныр зэрыщыту иуфэбгъурэ цыпэхэр дыгъэм пэцӏууэ, лъэгурыбгъуми цы кӏыхьыр ӏуву тетрэ уи лъакъуэр хэщатэу. Зылъэмыкӏри ковёрщ, ауэ и цыр тегъэщхъарэ блыным хуэмыфӏу, лъэгум иридзын имыгъуэтыххэу апхуэдэщ.
Щӏакӏуэ зезыхьи щыӏэжкъым – цейр щыхыфӏадзэжкӏэ, щӏакӏуэри абы кӏэлъыкӏуэнкъэ. Иджы губгъуэм ит ӏэщыхъуэхэм, хэти жьыуейпсыуейр кӏуэцӏрыкӏыу жьы хъуа щӏакӏуэр зэрехьэ, щӏэ щамыщӏыжкӏэ, хэти джэдыгужь къыздрехьэкӏ. Къэфакӏуэ гупхэмрэ къулыкъущӏэхэм къахуеблагъэ хьэщӏэ лъапӏэхэмрэ я фӏыгъэщ Нэхунэ и ӏэщӏагъэм иджыри щӏэупщӏэ зэриӏэр: зыхэр сценэм иритынущ, адрейхэм тыгъэ ящӏынущ. Шууейм щахуищӏым, щӏакӏуэр ӏувт, жьыи псыи кӏуэцӏрымыкӏыу, бгъэувамэ, зэфӏэту, ауэ джэгуакӏуэ щыгъыныгъуэу арамэ, сыт щхьэкӏэ ӏуву ищӏын, и щӏакӏуэр псынщӏагъуэщ. Щхьэкъэӏэт имыӏэу щылажьэ къыхуохуэ Нэхунэ – къэфакӏуэхэр гъунэжщ.
Дыси «мэлажьэ», и пщӏантӏэр цӏыху кӏуапӏэщ, антыхэри, шэшэнри, ингушри, асэтынри щопэкӏу. Къекӏуалӏэр зигу ныкъуэхэращи, зыгъэгумэщӏыр къыхуаӏуатэ. Фыз ӏэзэм яригъэӏуэтэжыну щогугъ, къэӏэбэу ящхьэщихыну я фӏэщ мэхъу. Дысэ еплӏэкӏуащ, жьы дыдэ мыхъуами, и фэр кӏуэдащ, къытехьэлъапэу хуежьа и ӏэзэгъуэм кӏэ игъуэтами хъунут, ауэ гугъуехьри къыхехыж, и пхъур зыпэрагъэувэнкӏэ хъуну ӏэнатӏэм щихъумэну хуейщи: и пэшэгъухэми, абыхэм къапыщӏэжахэми хъыджэбз цӏыкӏур хуит къащӏати, езыр лӏэжыху я унафэм щӏэтми идэнут. Ипхъу закъуэр цӏыху хуэдэу ирепсэу, лӏыфӏ ишащ, бын игъуэтащ. Абы Улэ пкъригъэхьат ӏэзэ ӏуэху хэмыхьэну, удыгъэу къыдалъхуар зыщигъэгъупщэну.
«Къурӏэн еджамэ, арат. И гуащэр еджэфу жаӏэ. Арщхьэкӏэ Пагуэ коммунистыжьщ, къыхуидэнукъым. Къэнэжыращи, духьэуэ ищӏэр гукӏэ жреӏэ, и щхьэр ирехъумэж, цӏыху къызэрыгуэкӏыу ирепсэу, и быныр хуиту ирепӏыж…»
Аращ игъащӏэми – гур зэрыгъум дыгъур ирожэ. Хуэхъумакъым и пхъур. Улэ Сэбэр ӏуащхьэкӏэ зэ игъазэмэ, псэуху къызыӏэщӏэмыкӏыжынухэм зэраӏэщӏыхьэнур, абы кърикӏуауэ и унагъуэр зэрызэтекъутэнур Дысэ къыжраӏауэ ищӏэрт. Игъэзащ-тӏэ. Хъыджэбз цӏыкӏум тегужьеикӏри игъэзащ. Зыхыхьэн хуэмейхэм яхыхьащ, имыщӏэххэу заритащ. Иджы Пагуэрэ Улэрэ я насып зэпцӏам къутэжын щыщӏидзэнум Дысэ поплъэ. Гузэвэгъуэм зэрехуэри, зыгуэрхэр яхузэрехъэ, и пхъум и унагъуэр зэтриӏыгъэну «йолэжь», ауэ а псори зэрыщхьэгъэпцӏэжыр ещӏэ. Ецӏыхуж абы и пэшэгъухэр – хаубыдыкӏар я жыӏэдаӏуэ ящӏ, хуащӏыр и унафэнущ.
Налышык