Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Читать онлайн.
Название Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Автор произведения Зарина Саадуловна Канукова
Жанр
Серия
Издательство
Год выпуска 2024
isbn



Скачать книгу

Дыси иӏэщ апхуэдэ пхъуантэ тӏорысэ, ауэ абы дэлъыр нэгъуэщӏщ: тхылъымпӏэ цӏу, пэрытхэ, блафэ, шындырхъуоущхьэ гъэгъуа, удз лъабжьэ, жыг лъахъц. Псы утхъуа гуэр зэрытабдж птулъкӏэдэтщ. Къыхуэкӏуат зы сымаджэ, и лъапэр пыуцӏыныкӏауэ. И фэм щыщ къытрихри а псы хущхъуэм хидзат. Пӏалъэ гуэркӏэ зэхэшыпсыхьынути, къакӏуэу къищтэжын хуеят, ауэ къытригъэзакъым, емыгугъу гуэру къыщӏэкӏащ. Фӏы щӏихакъым – и лъакъуэм е екӏуэри, пахын хуей хъуащ. Птулъкӏэр хыфӏэдзэжын хуейуэ дэлъщ.

      Дысэ лажьэ имыӏэу къыщагъэкъуэншэжи куэдрэ къохъу. Цӏыхур зыхуей псор хуэпщӏэфынукъым, «си ӏэзэгъуэ иткъым» жиӏамэ, абы пцӏы хэлъкъым, «хуэмылэжьэфыну» аращ. «И пэшэгъухэм хуит къащӏыркъым», – жаӏэ апхуэдэхэм деж. Дысэ зэхех а псалъэмакъхэри, мэгъумэтӏымэ: «Сыт мыгъуэ фэ абы хэфщӏыкӏыр?»

      Къуэятӏэ жылэ цӏыкӏур тхьэмыщкӏэу мэпсэу. Зи ныбжь нэблэгъахэр колхозым хэтауэ аращи, сыт, къалэжьа щыӏэкъым. Псыхуабэ къалэ гъунэгъу дыдэщи, абы кӏуэурэ сату зыщӏ унагъуэ зытӏум нэхъ зыкъаӏэтащ, мыдрейхэр а зыщӏэса сэман унэ лъахъшэ цӏыкӏухэм къыщӏэнащ. Мэзым пхъэ кърахынумэ, хуит къащӏын хуейщ, щӏымахуэм фӏамыщӏ зиӏэр къулеижьу ябж.

      Техутэ и еджапӏэ кӏуэгъуэм нанэ къегъэуш, абы щыгъуэм хьэкум илъ мафӏэр зэхэкӏыжарэ пэшыр щӏыӏэмылу…

      – Нобэ сымыкӏуэу хъунукъэ?

      – Уделэ уэ, Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, жебгъэӏэну ара? Техутэ апхуэдэхэм деж едэ хэт сыт жиӏэнуми. Зэгуэрым, къэмытэджыфу ӏурихыжауэ, пщӏыхьэпӏэу елъагъу я къуажэ уэрамитӏми цӏыхур дэзу дэтрэ бжьэ къэпщӏауэ зэрызехьэу: «Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, еджапӏэм яхуэкӏуакъым, еджэн идакъым! Нанэ едэӏуакъым! И адэр псэужтэкъым, и анэри лӏат! Унэ щӏыӏэм щӏэлӏыхьащ, лӏащ, тхьэмыщкӏэ, щэхубзэу и псэр хэкӏащ…» Пэж дыдэуи, Техутэ и анэр лӏауэ нэху къекӏат. Щӏалэ цӏыкӏур щӏэщтэжат пщӏыхьэпӏэр нахуапӏэ зэрыхъуам. Нэхунэ и хьэдэтепхъуэр пхъуантэм езым и ӏэкӏэ къыдихын хуей хъуащ. Улэ и дыщым къэкӏуэжауэ Техутэ къыхуэзэмэ, зыбгъэдешэри и щхьэм ӏэ къыделъэ – иджы ар зеиншэ хъурейщ. И анэшхуэр лӏэмэ, хэт зыпӏынур? Сабий унэм ирамытарэт. Улэ дахэщ, и ӏэпкълъэпкъыр лантӏэщ, и щхьэцыгъуэр ухуэнарэ и щхьэм къешыхьэкӏыжауэ, езым къабзэмэ къыкӏэрихыу. Техутэ фӏэфӏщ абы и ӏэплӏэри, и щхьэм къыдилъэ ӏэри.

      Аргуэру щӏалэ цӏыкӏум игу къокӏ и нанэр куэдрэ мыпсэуну. Нанэ псэунущ, псэунущ, псэунущ…Техутэар быдэу игу ирилъхьащи, аращ пэж хъунур. И анэр нэгум къыщӏоувэ, ар нэщхъейуэ къоплъ: «Си къуэ цӏыкӏу, сэри сыпсэуами хъунут. Уэ зым фӏыуэ сыкъэплъэгъуамэ, сыпсэунут иджыри, си фэм сыкъихьэжынурэ, сыгуфӏэнут, сыдыхьэшхынут, сыпщэфӏэнут, щӏакхъуэ зэтеупӏэщӏыкӏи пхуэзгъэжьэнут…» Техутэ Улэ и бгъафэм зыщӏекъузэри, зэщыджэу магъ. Майе щӏалэ цӏыкӏум бгъэдохьэри ӏэ делъэ. Майе псалъэркъым, бзагуэу аракъым, ауэ псэлъэгъуейщ. Зэзэмызэххэщ щыгуфӏэр. Райцентрым щыщу Дысэ цӏыхуитӏ къыхуэкӏуат. «Къулыкъущӏэшхуэ Налышык къикӏынущи, ар къыщыкӏуэм ирихьэлӏэу уи деж цӏыху ӏумытамэ арат!» Дысэ къыжраӏэр зэхих-зэхимыхщ. Сэ махуэкӏэ къэкӏуэнур зэзгъэзахуэркъым, жи. И нэр егъэплъыз, итӏанэ лъэныкъуэкӏэ йоплъэкӏ. «Бэрэжьейм шэджагъуэ