Название | Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс |
---|---|
Автор произведения | Зарина Саадуловна Канукова |
Жанр | |
Серия | |
Издательство | |
Год выпуска | 2024 |
isbn |
Сытым дежи щӏэджыкӏакӏуэм и нэӏэ темыкӏыу, адэкӏэ къэхъунум пэплъэу зыкӏэлъызеплъэр Пагуэрэ Улэрэ япхъу закъуэ Майещ. Сабий псоми зэремыщхьыр унагъуэм я гуныкъуэгъуэурэ къэжэпхъащ Майе. Псэлъэгъуейт, зыгуэр щыжиӏэми, ӏуэхум щымыщ хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ и щытыкӏэм уригъэгупсысырт хъыджэбз цӏыкӏум зыми имыгугъа гуэр къылъыкъуэкӏыну. Апхуэдэ гугъэм и къежьапӏэр иджыри сабийуэ Техутэ жриӏэ псалъэхэрщ: «Умыгузавэ, уи анэшхуэр щӏэх лӏэнукъым». Пасэу зеиншэ хъуа Техутэ и анэшхуэм тегужьеикӏат, ар лӏэмэ, сэ дауэ сыхъуну, жиӏэу егупсысырейт. Пагуэ и адэ Нэсрэн фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ ӏуэхум къегъэзахэм захуигъазэу, я арэзыныгъэ къилъыхъуэу къыщыкӏэлъикӏухьым ирихьэлӏэу Майещ зауэм хэкӏуэда сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр къэзыгъуэтар. «Плъагъурэ, я цӏэр яхъумэн къэгъэнауэ, я щӏы ӏыхьэ ирамыгъэгъуэтыжауэ щыӏэр зыхуэдизыр?» – жиӏэ хуэдэт. Дунейхэм я зэпылъыпӏэр, «щӏэплъыпӏэр» къэзылъыхъуэ Ӏэдэм дэӏэпыкъуэгъу хуэхъур Майещ. Къыгуроӏуэ: Ӏэдэм а къилъыхъуэр къигъуэтамэ, гъащӏэр нэхъ дахэ, нэхъ купщӏафӏэ хъунут, нэхугъэр щӏым тез хъунут. Упщӏэхэм я упщӏэж жыхуаӏэм хуэдэр зэпхар Ӏэдэмщ: апхуэдизу шэщӏауэ и гуращэм телэжьа щӏалэр абы щӏылъэмыӏэсар, «щӏыблэбэкъукӏар» сыт? Гъащӏэм философие лъэныкъуэкӏэ уезыгъэгупсысынщ Ӏэдэм епха сюжет унэтӏыныгъэр.
Щӏэныгъэр лъапӏэныгъэу зэрыщытыр мы романым къыщыӏэта проблемэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ икӏи лӏыхъужьу хэтым я гъащӏэр хъуами мыхъуами, щхьэусыгъуэр щӏэныгъэм ешэлӏэжащ. Щапхъэу къэтхьынщи, Майе тхылъ хъумапӏэр лэжьапӏэ щӏыхуэхъур щӏэныгъэщӏэхъуэпсщи, аращ. Езым щхьэщыт нэхугъэр къызыхэкӏри зэрыдахэщӏэхъуэпсырщ. Псалъэшхуэ жиӏэркъым, утыкуакӏуэкъым, ауэ и унагъуэми, и лэжьапӏэми, и хъуреягъым зэрахущыткӏи щхьэхуещагъэ жыхуаӏэм хуэхейуэщ. А псом къыдокӏуэ щэху гуэрхэм пыщӏа щӏэныгъэ зрипэсахэм Майе зэрахэтыр.
Щӏэныгъэр ходэ, хэти кӏэрыпщӏэркъым, хэти къехъулӏэркъым. Техутэ къехъулӏэнут сурэтыщӏ ӏэзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытекӏуамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджапӏэм имыгъэзэжын папщӏэ. Абдеж щежьэри, и гъащӏэр зэпэныкъуэу екӏуэкӏащ: щӏэныгъэ ныкъуэ, лэжьапӏэ ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащӏэм купщӏэ хэзылъхьэжар, зэрымыщӏэкӏэ къыщыжакӏуэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежкӏэ лъэкӏыныгъэ иӏэну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ятӏагъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщекӏам, а щӏалэр «псэукӏэ зыщӏэхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуроӏуэж, и щыуагъэхэмкӏи зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэкӏэ къехъулӏэр нэхъыбэ хъуркъым, гъащӏэм здригъабэмкӏэ ебэурэ къогъуэгурыкӏуэ. Ӏэдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур,