Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Читать онлайн.
Название Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Автор произведения Зарина Саадуловна Канукова
Жанр
Серия
Издательство
Год выпуска 2024
isbn



Скачать книгу

и псэр, и гъащӏэр тыхь ищӏу. Адрей дуней хъуэпсэгъуэм къикӏам ещхьщ мы цӏыхубз гъэщӏэгъуэныр: жиӏэри илэжьри нэхугъэ зыхэлъщ, и щхьэм тыншыгъуи, фӏыщӏи, щытхъуи къыхуилъыхъуэркъым. Хуэныкъуэм и щхьэпагъ иригъэкӏыфмэ, арэзы мэхъу. И псэр щӏитащ, зи псэугъуэр къызэтринэн папщӏэ. А тыхьыр игъэпэжу мэпсэу и къуэрылъху Майи. Анэшхуитӏри, сымаджэ хьэлъэу пӏэм къыщыхэнэм, зэрихьэжащ, адэмрэ анэнэпӏэсымрэ псалъэмакъыншэу ядогъуэгурыкӏуэ, къэзыгъэна и анэм гужьгъэжьгъ хуищӏыркъым, Техутэ хуэпэжт, зыхищӏыкӏ зыпытт. Майещ Ӏэдэм и дэӏэпыкъуэгъур, Щӏэплъыпӏэм пэгъунэгъу хъуныр дэзыӏыгъыр. Хуабжьу псэкӏэ гугъу ехьащ а хъыджэбзыр, адрейхэм ямыӏэ щӏэныгъэ нэхур иӏэным папщӏэ. Пэлъэщащ гугъуехьми, къилэжьащ. Иджы зытелажьэр нэхугъэр нэхъыбэу щыӏэнырщ. Езы цӏыхур иджыри абы хуэхьэзыркъым, егъэджакӏуэ яхуэхъун хуейщ, щӏэгъэхъуэпсыныр, абы щхьэкӏэ гуащӏэ етыныр Майе и пщэрылъщ.

      Нэгъуэщӏ дуней зэрыщыӏэр, мы дунейр къезыгъэлыну хэкӏыпӏэр абы къызэрикӏынур къагурыӏуэу телажьэр е хуэлажьэр Ӏэдэмрэ Майерэщ. Тӏум я гъащӏэри дунеитӏми епхащ. Я щхьэр я ӏуэхукъым, мылъку къикӏыпӏэ къалъыхъуакъым. Ахэр зыхуейм уасэ иӏэтэкъым. Ӏэдэм блэбэкъукӏыу хэкӏуэда нэужь, Майещ Нэсрэн щӏэныгъэ иритыфыну къэнар. Шэч хэлъкъым хъыджэбзыр лъэкӏ къимыгъанэу и дэлъхум зэрыдэӏэпыкъунум. Нэсрэн мыщхьэх закъуэмэ, и къэухьыр мыӏузэмэ. Мыбдежым щӏэджыкӏакӏуэм къыхуэнэр гугъэщ. Лъыхъуэм къегъуэт. Дэпщэщми, зэ къегъуэт.

      «ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр зэрытха бзэ гурыӏуэгъуэмрэ сюжет гъэщӏэгъуэнымрэ къэплъытэмэ, зи щӏалэгъуэми зи ныбжь кӏуэтами ягу нэсын тхылъщ.

      Хьэцӏыкӏу Рае, тхылъым и редактор

      СЫМЫЩӏЭР КЪАСЩӏЭУ

      Мыр си япэ прозэ тхылъщ. Сыкъызэрацӏыхур усакӏуэущ, драматургыущ, усэ тхылъий сиӏэщ.

      Роман стхыну сытезыгъэгушхуар, абыкӏэ къысщыгугъар Нинэщ, адыгэ тхакӏуэ Щоджэнцӏыкӏу Ӏэдэм ипхъу, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэрал литературэмкӏэ и кафедрэм куэдрэ щылэжьа си ныбжьэгъу нэхъыжьырщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, романым щыщу ӏыхьэ щанэращ Нинэ зэхихар – макъкӏэ сыкъыхуеджащ, и нэм илъагъужыртэкъым, сымаджэт. Си егъэджакӏуэр къызэрысщыгугъыр ди литературэм щӏэ гуэр хэслъхьэну, тхыгъэ щӏэщыгъуэ утыку къислъхьэну арат. Зэдэӏуар игу ирихьауэ жиӏащ. Тхыгъэр и жанркӏэ сытым нэхъ хуэкӏуэрэ жысӏэу сыщеупщӏым: «Хьэуэ, авторский мифу къыумыгъэлъагъуэ, мыр магический реализмщ», – жиӏащ. Сэ япэрейм нэхъ хуэзгъакӏуэрт, ауэ литературэм зи гъащӏэр хуэзыгъэпса профессорым фӏищам арэзы сытехъуащ.

      2020 гъэм щӏэздзэри, илъэсищкӏэ селэжьащ романым. Зэрыт жанрым къыпщигъэхъункӏэ хъунущ псори къэзгупсысауэ. Пэжым (фактым) щыщу хэтщ, псалъэм папщӏэ: нэмыцэхэр Ӏуащхьэмахуэ и щыгу зэрыдэкӏар, Ӏуащхьэмахуэ лъапэ Шамбалэ щӏыпӏэр абыхэм къызэрыщалъыхъуар, Тибет къраша ламэхэр. А псом зэгъэуӏуауэ мызэ-мытӏэу сыкъыщеджащ Котляров Виктор и ӏэдакъэщӏэкӏхэм. Ди щӏыпӏэхэм якъуэлъ щэхухэмрэ хъыбархэмрэ, илъэс пщӏы бжыгъэ хъуауэ, жыджэру икӏи гъэщӏэгъуэну къеӏуэтэж