Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Читать онлайн.
Название Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Автор произведения Зарина Саадуловна Канукова
Жанр
Серия
Издательство
Год выпуска 2024
isbn



Скачать книгу

и адэ къуэшым йодаӏуэ, абы жиӏэр езыр зыщыгъуазэ гуэру къыщохъу, ауэ зыри пидзыжыркъым.

      – Накӏуэ иджы, гуащэ цӏыкӏу, дыщӏэкӏыжынщ, – жи Ӏэдэм. Абдежым и нэхурыдзыр мэункӏыфӏ. Зэридзэ хуэдэу ищӏащ, теуӏуащ, ауэ къэблэжтэкъым.

      – Гуащэ, мы си джанэ кӏапэр убыди сыӏыгъ, умышынэн хуэдэу, сэ мы нэхурыдзым и уэздыгъэр къикӏуэтауэ аращи, исӏуэнтӏэжынщ.

      Ӏэдэм пэщэщэн иухыу нэхурыдзыр щыщӏигъэнэжам, Майе джанэ кӏапэр иӏыгъыжтэкъым, гъунэгъууи щыӏэтэкъым. Хъуреягъым нэхур трегъапсэ, шахтэм нэхъ куууэ щӏохьэ, къокӏуэтыж, маджэ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур къыпэджэжыркъым. Жэрыгъэкӏэ къыщӏожри, и бгыр щӏигъэщэтауэ маршынэм илъ шофёрым йожалӏэ, арщхьэкӏэ Майе къыщӏэкӏыжакъым, хьэуэ, хьэуэ, дэнэ кӏуами, сабийр шахтэм и кӏуэцӏым щыӏэщ.

      – Мыр сабий здэпшэ хъун щӏыпӏэ, сыт мыгъуэм щхьа уигу къэкӏа ар? Лӏот-тӏэ къолъэӏум, сабийм жиӏэу хъуар хуэпщӏэн хуейкъым!

      Ӏэдэм абы жиӏэми емыдаӏуэу шахтэм щӏолъэдэж, нэхурыдзыр ӏэтауэ иӏыгъыу. Хъыджэбз цӏыкӏур щыӏэщӏэкӏэрэхъукӏа щӏыпӏэм нэс егъэзэж.

      Шахтэ ехыпӏэри жыжьэжтэкъым. Ӏэдэм игу къэкӏар и щхьэм доуеиж – Майе абы ехуэхагъэнущ!

      Ехуэхатэкъым. Хуэмурэ, зихъумэжурэ ехащ, кӏыфӏым хэту. Хьэуар хурикъут. Балигъхэр я щхьэр щӏэгуауэ фӏэкӏ щыземыкӏуэф бгъуэнщӏагъым сабийр зэфӏэту щӏэтт.

      Ӏэдэм егъэзыхыгъуэ задэмкӏэ йох, гужьеящ, мэпӏащӏэ. Майе кӏыфӏым къыхелъагъукӏри, гуфӏэщауэ мэкӏий… Абы и кӏий макъым Майе зыкӏэлъыплъ гъэщӏэгъуэныр егъэкӏуэдыж. Еууей, сытым щхьа зэран хъуа… Хъыджэбз цӏыкӏур мыбы къэзышар бгъуэнщӏагъым и къуэгъэнапӏэ жыжьэм къыщӏидз нэхугъэрат. Абы къыгурыӏуат ар зэрымыуэздыгъэр, зэрымыдыгъэр, зэрымыуэздыгъэ нэфыр. Дауэ зэхыумыгъэкӏынрэт а гъуэзыр зыхэт нэхугъэр къыздикӏыр… Ӏэдэм зэригъусэри къыфӏэмыӏуэхужу, Майе и гулъытэр зыубыдар зищӏыс дыдэр къищӏэну екӏуэтэхыу щӏидзащ. Зэи и лъакъуэр щӏэжри джэлащ, и лъэгуажьэри и ӏэфракӏэри фӏыуэ тритхъуу, ауэ ари къридзакъым, къэтэджыжри и гъуэгум пищащ. Мис, къэблэгъащ къуэгъэнапӏэм. Занщӏэу къуэкӏын дзыхь ищӏакъым, хуэмурэ и щхьэр къуигъэжри нэ лъэныкъуэкӏэ плъащ. Илъэгъуар псысэхэм хэту зыщыгъуазэ гуэру къыщыхъури, и щхьэр къуигъэжыпащ. Къыщехым къуэгъэнапӏэу фӏэкӏа къыщымыхъуами, къилъэгъуар пэш хуэдиз хъууэ бгъуэнщӏагъ ӏэхуитлъэхуитышхуэт. Къэщӏэгъуейт гъуэз зэрыщызекӏуэр зыхэплъагъукӏ нэху зэхэмыбзыр къыздикӏыр, ауэ ари фӏэгъэщӏэгъуэныжакъым нэхъ гъэщӏэгъуэныж щыӏэти. Утыкум исщ Майе цӏыкӏужьей зыщӏэхъукӏ псэущхьэ абрагъуэ гуэр, и щхьэр шындырхъуоущхьэм ещхьрэ и кӏапэшхуэр щӏым триупцӏэу. Мыбдежыр щӏыӏэ дыдэт. Ар зыуи къызыщымыхъу псэущхьэ абрагъуэм и нитӏыр теубыдащ уэздыгъэм хуэдэу къаблэу хъурей гъэпща и пащхьэм итым. Хъурейр хуэмурэ зэм ижьымкӏэ, зэм сэмэгумкӏэ щэнауэу мэхъей.

      Апхуэдизкӏэ а ӏуэхум дихьэхащ псэущхьэри, и нитӏ къицӏуукӏыр хъурей щэнауэм къытрезыгъэхын щымыӏэу къыщыхъуат Майе. Ӏэдэм и джэ макъыр къызэрыӏуу, нэхугъэ мащӏэри псэущхьэшхуэри лъэужьыншэу кӏуэдыжащ. Къэхъуамкӏэ мыарэзы Майе, адэкъуэшым гужьеяуэ езыр къызэрилъыхъуэр къыгурыӏуами, зигъэхъеякъым, къеплъэкӏакъым. Ӏэдэми, псом ящхьэр арати, псэууэ къигъуэтыжа