Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Читать онлайн.
Название Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Автор произведения Зарина Саадуловна Канукова
Жанр
Серия
Издательство
Год выпуска 2024
isbn



Скачать книгу

игъэшынащ, благъуэ къэлъэтэнурэ псори фишхынущ яжриӏэри. Сабийхэр игъагъырти, пэш щхьэхуэ щӏэдгъэсащ, – Майе аргуэру пэш нэщӏ щӏыщӏагъэсам и щхьэусыгъуэу аращ гъэсакӏуэм къриӏуар. Улэ къэкӏуэжри анэшхуэр игъэкъуэншащ.

      – Псысэ шынагъуэхэр жыбоӏэ, благъуэ щыӏэу и фӏэщ хъуащ, езыри шынэри, адрейхэри игъэшынэжащ…

      – Псысэр дэ дыщыцӏыкӏуми къыджаӏэу щытащ, ди япэжкӏи щыӏащ, зыми зэран хуэхъуауи зэхэсхакъым, – зеухеиж гуащэм.

      – Мыбы езэгъыркъым, плъагъуркъэ?

      – Хьэуэ, тӏасэ, мыбы езым зыгуэр и лажьэщ, сэ къыстевмылъхьэ…

      – Сыт и лажьэр?

      – Уэри уолъагъу ар адрейхэм зэремыщхьыр.

      – Ар уэ жыпӏэмэ, хамэм сыт жаӏэжынур?!

      – Хамэм гу лъамытэ уи гугъэ абы? И адэм къыфӏолӏыкӏри аращ гъэсапӏэм щӏыфӏахар… И жагъуэ къащӏми, къэтщӏэну мыгъуэкъым – езым зыри къыджиӏэжыркъым.

      Псалъэм псалъэ къишэурэ, зэнысэзэгуащэр зэщыӏеящ.

      Пагуэ а псом хуейтэкъым, апхуэдэу щыхъуакӏэ, къэвух фи псысэхэр, жиӏащ. Зэи и жагъуэ къэзымыщӏа и къуэр къыщхьэщыжын и гугъат. Ӏэплӏэ къришэкӏыу, зыри къэхъуакъым, сабийр гъамэ теужащ, жиӏами хъунут. Жиӏакъым. «Къэвух фи псысэхэр!» – аращ къажриӏар цӏыхубзитӏым. «Уемыпсалъэ сабийм!» – къыжриӏауэ кърихащ Жануэс.

      – Семыпсалъэмэ семыпсалъэ. Зыми сынывэпсэлъэнукъым.

      И хьэпшыпхэм щыщ зэрилъхьэщ, здэкӏуэр Хьирэт жриӏэри, Тӏыаузым дэс и щӏалэ нэхъыщӏэм деж кӏуащ, и нысэми и къуэми закъримыгъащӏэу. Пагуэ занщӏэу кӏэлъыкӏуат, нэкӏуэж жиӏэри – хуэкӏуэжакъым. Аргуэру кӏуащ – зытригъэхьакъым. Иджы сабийр къыщӏыхуишар и гур къигъэщабэу иришэхыжыну арат, дауи.

      Жануэс мазитӏ ипэкӏэ къэхъуахэр къеӏуэтэж, къемыдаӏуэу, зэхимыхыу къыщыхъуми, Майе псори и щхьэм иреубыдэ.

      Пагуэ къыщӏыхьэжри, Майе и ӏэри и лъакъуэри къепхэкӏауэ щилъагъум, къэгузэващ. Къэхъуар щыжраӏэм, зи щхьэр къыфӏэхуауэ щыс и анэр фӏэгуэныхь хъури, Ӏэдэм зэрытеплъэу жьэхэлъащ.

      – Уэ езыр сабийр къэбгъанэу уздэкӏуар дэнэ? – зишхыхьыжащ Ӏэдэм.

      – Уи ӏуэху хэлъкъым!

      Зэкъуэшитӏыр зэфӏэнэжащ. Жануэс Пагуэ къыщхьэщыжащ:

      – Умыщӏэ нэхъей ар здэкӏуар?! И быныр илъэгъуащ.

      Пагуэ и фызу щыта Татианэ Тӏыаузым дэст, зэдагъуэта я пхъур зыпӏыр арат.

      Жануэс и хьэпшыпхэр зэщӏикъуэжу щилъагъум, Пагуэ абы елъэӏуащ.

      – Зэ умыпӏащӏэ. Мопхуэдэу гъуэгу тесшэнукъым сабийр, и фэ кърехьэж…

      – Мыр пэш зэвым щӏозэшыхь мыгъуэ, нэхъри и фэр пыкӏыну аращ…

      – Татианэ деж сшэнщ, ари дохутырщ – кърыреплъ…

      – Улэ и жагъуэ хъунщ.

      – Хэт абы еупщӏыр?

      Адэм Майе ӏэплӏэкӏэ къещтэри унэм щӏех, уэрам сабафэм дехьэ. Жьы щӏыӏэтыӏэ къопщэри, ар хъыджэбз цӏыкӏум фӏэфӏщ.

      Тӏыаузыр шахтёр къалэщ, улахуэшхуэ щату хэӏуэри, дэнэ щӏыпӏи къикӏыурэ цӏыхур къыщызэхуэсащ. Пагуи яхэтащ мыбы ахъшэ къыщызылэжьыну къэкӏуахэм. Татиани къыщицӏыхуар мырат. Цӏыхубзыр дохутыру сымаджэщым щылажьэрт, уни къратауэ псэупӏэ щхьа гуныкъуэгъуэ